Нажмите "Enter", чтобы перейти к контенту

ДАМАН_24_4-БищIо Б. Ч.

Доклады АМАН. Т. 24, № 4. С. 130–140. 

Читать статью                                                                                                          Содержание выпуска

DOI: https://doi.org/10.47928/1726-9946-2024-24-4-130-140
EDN: AVRJSE

БЗЭ ЩIЭНЫГЪЭ

УДК 811.352.3 Научная статья

Адыгэбзэм и лэжьыгъэцIэ икIи езыгъапщэ фразеологие занэхэм я лексикэ-грамматикэ нэщэнэгъэлъагъуэ

Бижоев Борис Чамалович
доктор филологических наук, заведующий сектором кабардино-черкесского языка Института гуманитарных исследований КБНЦ РАН (360051, Кабардино-Балкарская Республика, г. Нальчик, ул. Пушкина, 18), ORCID: https://orcid.org/0000-0001-8193-7126, bizhoev1952@mail.ru

Зытеухуар кIэщIу. Тхыгъэр теухуащ адыгэбзэм нэхъ убгъуауэ, нэхъ куэду хэт, лэжьыгъэцIэкIэ езыгъапщэ псалъафэкIэ зэджэ фразеологие (псалъафэ) лIэужьыгъуитIыр зэпкърыхыным. Зи цIэ къитIуа гупитIыр къыщIыхэтхам щхьэусыгъуэ иIэщ – ди бзэм фразеологие къулеигъэу иIэу хъуар къатщтэмэ, абыхэм Iыхьэшхуэ дыдэ щаубыд, абы къимыдэкIэ мы лIэужьыгъуэхэм нэщэнэ гъэщIэгъуэнхэр яIэщ ахэр зэрызэхэт псалъэхэр зыхуэдэхэмкIи, грамматикэ илъэныкъуэкIэ ядэплъагъу щхьэхуэныгъэхэмкIи.
      Фразеологием ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхугъуэ къомыщтэми, адыгэ бзэщIэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ псалъафэхэм ятеухуа унэтIыныгъэр нэхъ зызмыужьахэм ящыщщ. Дэ къалэн зыщытщIыжащ къэхутэныгъэ дунейм къытехьахэм, абыхэм дыдейхэри яхэту, я фIыгъэкIэ нэхъ къыхэбелджылыкIа, нэхъ нэIурыт хъуа категоритIым ятеухуауэ нобэкIэ дызыщыгъуазэхэм адэкIи зедгъэубгъуну, хэдгъэхъуэну. Категорэхэр къыщыхэдгъэкIым Iуэхур тетщIыхьащ логикэм тещIыхьа, нэхъ ущызмыгъэуэну къэтлъытэ позицэм – абы ипкъ иткIэ фразеологие занэхэр хохьэ ар и лексикэ-мыхьэнэкIэ, морфологие, синтаксис нэщэнэхэмкIэ зыпэхъум, нэгъуэщIу жытIэмэ, сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэм ещхьми. Апхуэдэу убгъэдыхьэмэ, лэжьыгъэцIэ ФЗ-хэм я пIэ ибгъэувэ мэхъу лэжьыгъэцIэ псалъэхэр. Езыгъапщэ псалъафэхэм я гугъу тщIымэ, зэрыхабзэу, абыхэм ягъэзащIэ плъыфэцIэм и къалэныр. Тхыгъэр IыхьитIу гуэшащ, дызытепсэлъыхь ФЗ категорэхэм я зырызу. Мы псалъафэ лIэужьыгъуэхэм я нэщэнэхэр зэхэдгъэкIын папщIэ инэхъыбапIэм къэдгъэсэбэпащ зэгъэпщэныгъэ-зэпэгъэувыныгъэ Iэмалыр. Щапхъэ къэтхьахэр къыхэтхащ IуэрыIуатэм, апхуэдэу псалъафэхэмкIэ зи бзэр къулей адыгэ тхакIуэхэм я тхыгъэхэм.                    ЕдгъэкIуэкIа зэпкърыхыныгъэм къигъэлъэгъуащ, япэрауэ, фразеологизмхэр лъэныкъуэ гуэрхэмкIэ псалъэ зэпха хуитхэмрэ псалъэ щхьэхуэхэмрэ ещхьми, абыхэм я зэхуакум зэпэзыгъэщхьэхукI гъунапкъэ зэрыдэлъыр; етIуанэрауэ, наIуэ къэтщIащ занэ къедбжэкIахэр пыухыкIауэ зэзышалIэ хьэл-щэнхэр.

Узыгъэгъуазэ псалъэхэр: лэжьыгъэцIэ мыхьэнэ, зэгъэпщэныгъэ зэпIэзэрыт, адыгэбзэ, уасэгъэув, уасэхуэщI, плъыфэцIэ.
ТекIуадэ мылъкур къызыхэкIыр. Фондхэм емыпхауэ щIа тхыгъэ.
Дэуэгъу зэрыщымыIэмкIэ щыхьэтыгъэхэр. Тхыгъэр зэритхамкIэ икIи зэригъэхьэзырамкIэ ныкъуэкъуэгъуи щыIэкъым, дэуэгъуи къэувакъым.
Тхыгъэр зейм хилъхьамрэ пщэдэкIыж щIихьымрэ. ЩIэныгъэ тхыгъэр тедзэным щыхуэдгъэхьэзырым, ар зи Iэдакъэ къыщIэкIам и нэIэ тету делэжьащ, къыщIидза иужьрей текстымкIи арэзы хъуащ.

Цитатэ къызэрыпхьынур. БищIо Б. Ч. Адыгэбзэм и лэжьыгъэцIэ икIи езыгъапщэ фразеологие занэхэм я лексикэ-грамматикэ нэщэнэгъэлъагъуэ // Доклады АМАН. 2024. Т. 24, № 4. С. 130–140. DOI: https://doi.org/10.47928/1726-9946-2024-24-4-130-140; EDN: AVRJSE

Поступила 01.11.2024; одобрена после рецензирования 18.11.2024; принята к публикации 20.11.2024.

© БищIо Б. Ч., 2024

Список использованных источников

1. Иваноков Н. Р. Грамматическая характеристика устойчивых сочетаний в адыгских языках // Вестник КБНИИ. 1970. Выпуск 2. С. 8–37.
2. БищIо Б. Ч. Адыгэбзэ фразеологизмэхэр классификацэ щIыным и Iуэхур // Вестник Института гуманитарных исследований Правительства Кабардино-Балкарской Республики и Кабардино-Балкарского Научного центра Российской академии наук. 2011. № 18. С. 120–135.
3. Иваноков Н. Р. К вопросу о становлении фразеологических единиц в адыгейском языке // Сборник статей по адыгейскому языку. Майкоп, 1976. С. 301–324.
4. Иваноков Н. Р. Глагольные устойчивые сочетания в адыгейском языке // Иваноков Н.Р. Избранные труды. Нальчик: Издательство М. и В. Котляровых, 2015. С. 184–315.
5. Бижоев Б. Ч. Фразеология. Структурно-семантическая характеристика // Кабардино-черкесский язык. Том II. Нальчик: Эл-Фа, 2006. С. 170–194.
6. Карданов Б. М. Фразеология кабардинского языка. Нальчик: Эльбрус, 1973. 248 с.
7. Емузов А. Г. О компаративных фразеологических единицах в кабардино-черкесском языке // Вестник КБНИИ. 1972. Выпуск 6. С. 328–346.
8. Емузов А. Г. Устойчивые сравнения в кабардино-черкесском языке. Нальчик: Эльбрус, 1989. 101 с.

Лицензия Creative Commons
Контент доступен под лицензией Creative Commons Attribution 4.0 License.

©​ | 2022 | Адыгская (Черкесская) Международная академия наук